Ivan Bakij
The Circassian Call
Track #14
Хэт ар къывжезыIахэр???
Music: Albert Lachive
Lyrics: Albert Lachive
ЖызоIэ мы уэрэд дахэр.
Зэрыдунейуэ федаIуэ.
Адыгэ псоми зэхахыу,
Псоми сэ Тхьэм сыфхуолъаIуэ.
Иордани, Шами, Тыркуи
Фызохыр сэ сэлам гуапэ
Черкес лъэныкъуи, Шапсыгъи
Ди къалэ дахи Налщыч.
Chorus:
Хэт ар къывжезыIахэр,
Адыгэр дыкIуэдыжыну?
Ди лъэпкъым и щIыгу иIахэр
Дыхуейщ дэ игъуэтыжыну.
2
Аммани, Iуруади, Сирии,
Дамаски, Адыгэ хасэ,
Истэмбыл, ТIабзон, Къайсыри
Сэлам къывехыр Кавказ!
Зэгуэрым фыкъэкIуэжыну
Адыгэ хэкужьым фэ,
Фэ фи насып вгъуэтыжыну
Аращ дызыхуейхэри дэ.
Chorus:
Хэт ар къывжезыIахэр,
Адыгэр дыкIуэдыжыну?
Ди лъэпкъым и щIыгу иIахэр
Дыхуейщ дэ игъуэтыжыну.
3
Дэ ди хэкужьыр жэнэтщи,
Дунейри уогъэщIэращIэ.
Вагъуэ пщыкIутIыр тщхьэщыту
Адыгэр Тхьэм урихьэщIэщ.
Ди Iуащхьэмахуэу, ди махуэ!
Кавказым уи щхьэр къэIэт!
Дэ дыкIуэдыну дыхуиткъым
А псалъэм Тхьэр и щыхьэтщ.
Chorus:
Хэт ар къывжезыIахэр,
Адыгэр дыкIуэдыжыну?
Ди лъэпкъым и щIыгу иIахэр
Дыхуейщ дэ игъуэтыжыну.
4
ЖызоIэ мы уэрэд дахэр.
Зэрыдунейуэ федаIуэ.
Адыгэ псоми зэхахыу,
Псоми сэ Тхьэм сыфхуолъаIуэ.
Иордани, Шами, Тыркуи
Фызохыр сэ сэлам гуапэ
Черкес лъэныкъуи, Шапсыгъи
Ди къалэ дахи Мейкъуапэ.
Chorus:
Хэт ар къывжезыIахэр,
Адыгэр дыкIуэдыжыну?
Ди лъэпкъым и щIыгу иIахэр
Дыхуейщ дэ игъуэтыжыну.