Sassi Dunnay - The Circassian Call

Опубликовано: 29 Апрель 2026
на канале: Nart Hatiqway
4,501
38

Ivan Bakij
The Circassian Call
Track #06
Си дуней


Сэ уэ узэрыслъагъурэ уи маф1эм сэ сесыри.
Согъыри, соук1ытэ, сымыгъщи, сызэгуоуд.
Мы дунеижьышхуэм жэгъуэгъу щызикуэдщ,
Си дахэк1ей, еу мыгъуэ, сыунэхъужа мыгъуи сэ

Си шыгъуэ ц1ык1ури к1эбдзк1эрэ уогъэтхъуэр,
Уи лъагъуныгъэми сэ сигъэтхъуа мыгъуи т1э.
Жэгъуэгъу зи мащ1эм сыту и насып
Сэ си дуней, си гущхьэр къытебэга мыгъуи сэ.

Мо ди 1уащхьэжьыми дыгъэр к1эредзэри,
Сигу къыщыридзэк1э маф1эр къысщ1онэ мыгъуэ сэ,
Лъагъуныгъэ маф1эр сыту къарууф1э!
Си дахэк1ей, яжьэ сыхъури, сылъэлъэжа мыгъуи т1э.

Гъатхэм и дахагъэм ц1ыхупсэр дехьэхыр,
Сэ си псэр дэзхьэхар жагъуэгъум сф1агъэк1уэдаи!
Сызэгуэмудыпэу зэ сынып1уплъэжтэм, си дахэк1ей,
Дуней к1ыф1ыр нэху къысщыхъуну мыгъуэт сэ!!!