Ivan Bakij
The Circassian Call
Track #13
Си анэ дыщэ
Lyrics: Arina Varouqa
Music: Ivan Bakij
С анэ дыщэ, сэ слъэк1амэ,
Макъамэ гуак1уэр уэ пхуэзгъэпсынт.
Псалъэм нэхъ дахэр сэ згъуэтамэ,
Уэрэд ар хъунти, пхуэзгъэ1унт.
1эф1ыгъэу гъащ1эм хэлъыр псори,
Зыхуэсхьэсынти, уэ уэстынт.
Зэш къыщыптек1уэм дызэщ1ыгъумэ,
Быны1эр гуапэу ныбдэслъэнт.
Си анэ дыщэ, сэ слъэк1амэ,
Уи лъагъуэм лыцу сыщык1ынт.
Къуршыпс къиуами, пемыуэфу,
Насыпыр псыдзэу пщ1эзгъэуэнт.
Укъыщытэджк1э уэ нэмэзу,
Дыгъэр, слъэк1ам, хэзгъэжэент
Къаплъэху уэ уи нэр, 1уплъэу гъатхэм,
Дунейр слъэк1ам зэзгъэндзэк1ынт.
Си анэ дыщэ, сэ слъэк1амэ,
Уи жейм пщ1ыхьыф1хэр ныхэсшэнт.
Уэ уи гуапагъым, уи щэбагъым
Дунейр слъэк1ам иризгъэнщ1ынт.
Къысхуиухауэ си1э гъащ1эр
Ууейм пищэну стын слъэк1ынт.
А псори слъэк1ми, уэрк1э мащ1эщ.
Анэм хуэфащэр хэт лъэк1ын?!